Гъэмахуэ инклюзивнэ лагерым и япэ Iыхьэр и кIэм нэблэгъащ

01.07.2018
Просмотры: 2715

И кIэм нэблэгъащ «ДыгъафIэ къалэ» гъэмахуэ унагъуэ инклюзивнэ лагерь «Чристэн жэрдэм 2017-2018» гъэхэм дунейпсо грант зэпеуэм пашэ щыхъуар. Абы къриубыдэу ныбжьыщIэхэм кислород псыхэм ефащ, зыдэлажьэм къахуигъэшахэм. Спонсорхэм ирагъэблагъэри, зэхуэсым хэтхэр, абыхэм я адэ- анэхэр, волонтёрхэр дельфинарийм щыIащ. НыбжьыщIэхэм абы я гур хигъэхъуащ. Сурэт куэд зытрагъэхащ.
Япэ Iыхьэм и къэхъугъэ нэхъыщхьэр – «Кавказ – наш дом» этнофестивалырщ. Абы зыкъыщагъэлъэгъуащ ЕссэнтIыгу къалэм и лъэпкъ гуп нэхъыфIхэм.  Зэрызыкъагъэлъэгъуам къыдэкIуэу ныбжьыщIэхэр тепсэлъыхьащ я лъэпкъ фащэхэм. Фестивалым хыхьэу къызэрагъэпэщащ сурэт щIынымкIэ зэпеуэ, лъэпкъ шхыныгъуэхэр гъэхьэзырынымкIэ мастер-класс. НыбжьыщIэхэм зыхагъэгъуэзащ фIыуэ ялъагъу шхыныгъуэхэр зэрагъэхьэзырым. Этнофестивалым хэта псоми фIыщIэ тхылъхэр иратащ. 

Проектыр гъэзэщIэным хыхьэу, «ДыгъафIэ къалэ» зыгъэпсэхупIэм и волонтёрхэм «Звездный батл» арт-квестыр ирагъэкIуэкIащ. Квестым и хьэщIэ хъуащ «Апельсин» къэфакIуэ гупыр. Гупым щыщхэм ныбжьыщIэхэм папщIэ къафэмкIэ мастер-класс ирагъэкIуэкIащ. Зыубгъуауэ къытеувыIащ унэтIыныгъэ щхьэхуэхэм, хип-хоп, бал къафэхэм. Волонтёрхэмрэ зэхуэсым хэтхэмрэ я батл ирагъэкIуэкIащ, гуп-гупу загуэшри. «Пашэхэр къэбгъэлъэгъуэну хуабжьу гугъут, дэтхэнэ зы сабийми къафэм и псэм щыщ Iыхьэ хилъхьати. Апхуэдэу щыхъум, зэныбжьэгъугъэр текIуащ», - жиIащ зэхуэсым и волонтёр Петровэ Алинэ. Апхуэдэу гукъинэж хъуат анималотерапиер, унагъуэ псэущхьэхэр (хьэхэр, шыхэр, дельфинхэр, тхьэкIумэкIыхьхэр, джэдухэр, джэд-къазхэр) къагъэсэбэпурэ сабийхэм я узыфэхэр зэрыщхьэщахыр. ПсапащIэхэм зэхуэсым апхуэдэ дэIэпыкъуныгъэ хуащIащ. Сабийхэм ар ягу ирихьащ. Языныкъуэхэм япэ дыдэу тхьэкIумэкIыхьхэр IэкIэ яIыгъащ, хьэхэм едэхэщIащ. Сабийхэм ягу ирихьащ кхъуэ
цIыкIу гъэсар. Япэ Iыхьэр щызэхуащIыжым аниматорхэр ирагъэблэгъащ. Абыхэм шоу гъэщIэгъуэн утыку кърахьащ, гуащэхэр хэту. ИтIанэ псори зэхуэсыр щызэхуащIыж пшыхьым ирагъэблэгъащ. Зэхуэсым хэта псоми фэеплъ саугъэтхэр, цIыкIуфэкIухэр иратащ. Гъэмахуэ унагъуэ зыгъэпсэхугъуэ инклюзивнэ лагерым и администрацэм къадэIэпыкъуахэм фIыщIэ яхуищIащ, зыхуеину материалхэр къызэрыхуашам, машинэмкIэ къызэрызэрагъэпэщам папщIэ.
«ДыгъафIэ къалэ» зэхуэсым и лэжьыгъэм хыхьэу я зыгъэпсэхугъуэр КМВ-м и къалэ зэмылIэужьыгуъэхэм щыщ ныбжьыщIэ 15-м гукъинэжу ягъэкIуащ. Зэхуэсым и лэжьыгъэм волонтёр 15 хэтащ. Зэхуэсым адэ-анэхэри щыIащ. ОВЗ узыфэ зыпкъырыт сабийхэм я япэ тхьэлъэIу литургиер мыхьэнэ зиIэ Iуэхугъуэ хъуащ. Ар щрагъэкIуэкIащ ЕссэнтIыгу къалэм Тхьэм и Анэм и «Всех скорбящих Радость» сымаджэщ члисэм. Сабий, адэ-анэ, волонтёр куэдым япэу щэхухэм зыхагъэгъуэзащ икIи члисэм щыIащ а махуэм. Сабийхэм члисэ уэрэдхэр ягу ирихьащ, члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Стацюк Алексий гуапэу къаIущIа нэужь.

2715
Фотогалерея