Архиепископ Феофилакт Левокумкэ къуажэм щригъэкIуэкIащ пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэр

11.06.2018
Просмотры: 3559

2018 гъэм мэкъуауэгъуэм и 10-м, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ Левокумкэ къуажэм. Пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэм щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Минераловодскэ члисэ округым и щоджэн нэхъыжь Панасенкэ Алексий, члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Губарев Димитрий. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу Тхьэ елъэIуну къызэхуэсащ къуажэдэсхэр, щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэр, гъунэгъу къалэхэмрэ къуажэхэмрэ щыщхэр.
ТхьэлъэIу литургие нэужьым архиепископ Феофилакт зэгъусэ тхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ. ИужькIэ щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ икIи екIуэлIапIэм къакIуэхэм епсэлъащ.

3559
Фотогалерея