ЕссэнтIыгу къыщызэIуахащ гъэмахуэ инклюзивнэ зыгъэпсэхугъуэ

04.06.2018
Просмотры: 3397

Гъэмахуитху хъуауэ зэкIэлъхьэпыту Тхьэм и Анэм и «Всех скорбящих Радость» тхьэнапэм и цIэр зезыхьэ сымаджэщ члисэм и Iэгъуэблагъэм «ДыгъафIэ къалэ» гъэмахуэ сабий инклюзивнэ зыгъэпсэхугъуэ щолажьэ. Абы щызэхуос зи узыншагъэм къимыхь сабийхэр, гъэмахуэр нэгузыужьу ягъэкIуэн щхьэкIэ. Абы къриубыдэу цIыкIухэм я ныбжьэгъу мэхъу волонтёрхэр. Ахэр зэхыхьэхэр езыгъэкIуэкIхэм ядоIэпыкъу, цIыкIухэр ягъэджэгу. Зэхуэсыр гуапэу къызэIуахащ. Абы хэтащ Псыхуабэ, Черкесск епархием и
лIыкIуэхэр: члисэ псапэ щIэнымрэ социальнэ къулыкъу щIэнымкIэ къудамэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Еланцев Сергий, ныбжьыщIэхэм, волонтёрхэм ехъуэхъуам. Сымаджэщ члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Стацюк Алексий ягу къигъэкIыжащ: «Куэдым я деж зэхуэсыр унэ етIуанэ хъуащ икIи ди ныбжьэгъухэм зэпымыууэ дыпоплъэ, абыхэм я адэ-анэхэм дадэIэпыкъуну дыхьэзырщ!» Гъэмахуэ инклюзивнэ унагъуэ зэхуэсым хэтащ администрацэм, ЕссэнтIыгу къалэ Думэм и лIыкIуэхэр. Къалэ Думэм и унафэщI Задков Андрей зэхуэсым хэтхэм къару, ехъулIэныгъэ яIэну захуигъэзащ икIи ныбжьэгъуфIхэр къагъуэтыну захуигъэзащ.  Зэхуэсым и махуэшхуэ программэм аниматорхэм пащащ, сабийхэр ягъэгуфIэу.Зэхыхьэм цIыху 50-м щIигъу зэхуишэсащ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, Псыхуабэ, Черкесск епархием и гъэмахуэ унагъуэ инклюзивнэ зыгъэпсэхугъуэр пашэ щыхъуащ «Чристэн жэрдэм 2017-2018» грант зэпеуэм.

3397
Фотогалерея