УнафэщIым къызэIуихащ станицэм и сабий махуэшхуэр

01.06.2018
Просмотры: 2040

2018 гъэм мэкъуауэгъуэм и 1-м, Сабийхэр хъумэным я дунейпсо махуэм, Суворовскэ станицэм и администрацэм и унэм махуэшхуэ концерт щекIуэкIащ. Ар къызэIуихащ, хабзэ зэрыхъуауэ, станицэм и члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Иванилов Роман. Ар сабийхэми балигъхэми ехъуэхъуащ махуэшхуэмкIэ гъэ еджэгъуэщIэм къару яIэу щIадзэжыну. Къызэхуэсахэм я пащхьэм къыщыпсэлъащ станицэм и сабий садхэмрэ школхэмрэ я гъэсакIуэхэр. Уэшхми емылъытауэ махуэшхуэр къехъулIащ.

2040
Фотогалерея