Спартэ къуажэм ягу къыщагъэкIыжащ Понт и алыджхэм я фэеплъыр

20.05.2018
Просмотры: 3216

2018 гъэм накъыгъэм и 19-м, понт алыджхэм я фэеплъ махуэм, Спартэ къуажэм ихъуреягъкIэ зэгъусэ тхьэлъэIу щрагъэкIуэкIащ. ТхьэлъэIум и пэ къихуэу Тхьэнапищ члисэм и унафэщI щоджэн Иманов Алексей алыджхэр зэхэзехуэн щащIам яукIахэм папщIэ тхьэлъэIу иригъэкIуэкIащ. Зэгъусэ тхьэлъэIум фIэщхъуныгъэ зиIэхэр Тхьэ щелъэIуащ къуажэр ефIэкIуэн, мамырыгъэ щыIэн, Тхьэр къадэIэпыкъун, я фIэщхъуныгъэр игъэбыдэн папщIэ. ЗекIуэм хэтащ еджакIуэхэмрэ я адэ-анэхэмрэ, тхьэнапэхэмрэ лъапIэныгъэхэмрэ зыIыгъахэр.

3216
Фотогалерея