Ставрополь къэзакъхэр Георгиевск щекIуэкIа зэIущIэм щызэхуэсащ

01.05.2018
Просмотры: 2472

Мы махуэхэм Георгиевск ЩэнхабзэмкIэ и унэм щекIуэкIащ Ставрополь округым и къэзакъ зэгухьэныгъэм и отчёт-хэхыныгъэ зэIущIэр. Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт и арэзыныгъэкIэ зэIущIэм хэтащ епархием къэзакъхэм ядэлэжьэнымкIэ и къудамэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Фещенкэ Cтефан. Зэхыхьэм щызэхуэсащ къэзакъ 242-рэ. ЗэфIагъэкIа лэжьыгъэхэр къызэщIикъуэжу къызэхуэсахэм я пащхьэм къыщыпсэлъащ округымрэ правленэмрэ я атаманхэр. ЯIэта Iэ Iэтым ипкъ иткIэ, атамынымрэ правленэмрэ я лэжьыгъэр къехъулIауэ къалъытащ. Атаманым и япэ ныбжьэгъуу хахащ Воронцов Андрей. Хабзэ зэрыхъуауэ зэхыхьэр тхьэлъэIукIэ зэхуащIыжащ.

2472
Фотогалерея