Кисловодск екIуэлIапIэм и щIалэгъуалэр хэтащ дунейпсо Iуэхум

24.04.2018
Просмотры: 2351

2018 гъэм мэлыжьыхьым и 22-м, Кисловодск къалэм и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам щагъэлъэпIащ екIуэлIапIэм кIуэхэр. ТхьэлъэIу литургие нэужьым члисэ зэхуэхьэсам и унафэщI щоджэн нэхъыжь Знаменский Иоанн тхьэлъэIум хэт цIыхубзхэм махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ икIи псоми КъегъэлакIуэ Христос и теплъэр тыгъэ яхуищIащ, ехъулIэныгъэрэ узыншагъэрэ яIэну ехъуэхъуу. Махуэшхуэм щыпащащ члисэ-тхыдэ музейм. «Сретение» щIалэгъуалэ центрым хэтхэм, «Любовь сорадуется истине» щIалэгъуалэ Iуэхум хыхьэу, тхьэмахуэ школым и гъэсэнхэмрэ абыхэм я адэ-анэхэмрэ папщIэ литературно- макъамэ композицэ ягъэхьэзыращ. Ахэр махуэшхуэм тепсэлъыхьащ, викторинэ ирагъэкIуэкIащ икIи хъыджэбз цIыкIухэмрэ я анэхэмрэ чристэн цIыхубзхэм я махуэмкIэ ехъуэхъуащ. Махуэшхуэ нэужьым псоми IэфIыкIэхэр иратащ.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, «Любовь сорадуется истине» дунейпсо щIалэгъуалэ Iуэхур Урыс Чристэн Члисэм щIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и Синод къудамэм, епархием и ЩIалэгъуалэ къудамэхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, екIуэлIапIэхэм езыр-езыру къыщызэрагъэпэща гупхэм я нэIэм щIэту ягъэзащIэ.

2351
Фотогалерея