Сабийхэмрэ балигъхэмрэ я IутIыж гуфIэгъуэщ

21.04.2018
Просмотры: 2997

Минводы и Благовещенскэ члисэм и тхьэмахуэ школым IутIыж концерт щрагъэкIуэкIащ. IутIыж гуфIэгъуэр концерт программэм хаухуэнащ IутIыж махуэр ягу къагъэкIыжу – Тхьэм и Анэм и Благовещения махуэшхуэр. Сабийхэр IутIыж викторинэм хэтащ. Махуэшхуэр джэгукIэ зэхуащIыжащ. Псыхуабэ къалэм цIыхухэм социальнэу щыдэIэпыкъу и ЗэзыгъэуIу центрым унагъуэхэмрэ сабий ныкъуэдыкъуэхэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэ щыхуащIэ и къудамэм зи ныбжьыр илъэсищым щыщIэдзауэ пщыкIуплI хъухэм махуэшхуэ къыхузэрагъэпэщащ, Христос и IутIыжым ехьэлIауэ. КъызэгъэпэщакIуэхэм ирагъэблагъэри, абы хэтащ Псыхуабэ члисэ округым социальнэ Iуэхутхьэбзэхэр
щыхуащIэ и IуэхущIапIэм и унафэщI щоджэн Видялин Александр, щихъ Лукэ и цIэр зезыхьэ гуапагъэ щащIэ центрым и шыпхъу нэхъыжь Климовэ Галинэ. Щоджэныр сабийхэмрэ адэ-анэхэмрэ ехъуэхъуащ Христос и IутIыжымкIэ икIи абы и хабзэхэм тепсэлъыхьащ, сабийхэм саугъэтхэр яритащ. Апхуэдэу щихъ Лукэ и цIэр зезыхьэ члисэм екIуалIэхэр щыIащ Псыхуабэ и къалэ сымаджэщым. Члисэм и унафэщIыр Тхьэ елъэIуащ икIи епсэлъащ дохутырхэмрэ зи узыншагъэр езыгъэфIакIуэхэмрэ. ЗэIущIэ нэужьым сабийхэм IэфIыкIэхэр тыгъэ хуащIащ, медицинэм и лэжьакIуэхэм шэху уэздыгъэхэмрэ куличхэмрэ иратащ. Железноводск къалэ-зыгъэпсэхупIэм и Покров члисэм щекIуэкIащ тхьэмахуэ школым и гъэсэнхэм я махуэшхуэ IутIыж концерт. Сабийхэм адэ-анэхэмрэ къекIуэлIахэмрэ ягъэгуфIащ. ЕкIуэлIапIэм и щоджэнхэм къабгъэдэкIыу махуэшхуэ нэужьым псоми саугъэтхэр иратащ.
Новоблагодарнэ къуажэм и Покров члисэм махуэшхуэ программэ концерт ятащ Тхьэмахуэ, къуажэ школхэм, сабий сад №9-м и гъэсэнхэм я гупхэм. Сабийхэм ягъэзэщIащ махуэшхуэ тропархэр, усэхэр, уэрэдхэр, Христос ЛIахэм КъазэрыхэтэджыкIыжам теухуауэ. Члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Углов Сергий сабийхэм зэрызыкъагъэлъэгъуар ягу зэрыдыхьар къыхигъэщащ. Суворовскэ станицэм и сабий сад №18-м IутIыж махуэшхуэ щекIуэкIащ. Сабий садым и гъэсэнхэм театр теплъэгъуэхэр утыку кърахьащ, уэрэд жаIащ, усэ къеджащ. Сабийхэм ехъуэхъуащ Верэ, Надеждэ, Любовь, абыхэм я анэ Софие и цIэр зезыхьэ члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Иванилов Роман. Сабийхэм абы саугъэтхэр иратащ.
Пятигорскэ къуажэм щихъ Саровский Серафим и цIэр зезыхьэ члисэм и сабий тхьэмахуэ школым и еджакIуэхэм тхьэмахуэм къриубыдэу сабий гъэсапIитI щыIащ. НыбжьыщIэхэм IутIыжымкIэ ехъуэхъуащ, IутIыж уэрэдхэр жаIащ, усэ къеджащ икIи Алёнушкэрэ Иванушкэрэ ятеухуа таурыхъыр къагъэлъэгъуащ. Махуэшхуэ нэужьым сабийхэмрэ садым и гъэсэнхэмрэ IэфIыкIэхэр иратащ. Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча Георгий и цIэр зезыхьэу Псыхуабэ къалэм дэт тхьэмахуэ школым и гъэсэнхэр Христос и IутIыж гуфIэгъуэм теухуа хъыбарымкIэ ядэгуэшащ «Белая ромашка» хьэблэм щыIэ къалэ библиотекэ №3-м и къудамэм и еджакIуэхэм. Абыхэм 2018 гъэм мэлыжьыхьым и 19-м зыкъагъэлъэгъуащ. НыбжьыщIэхэм «Предание о первом красном яйце» театр теплъэгъуэр утыку кърахьащ. Сабийхэр усэ къеджащ, IутIыж уэрэдхэр жаIащ. КъыкIэлъыкIуэ тхьэмахуэм къыщыщIэдзауэ екIуэлIапIэ гуфIэгъуэр VI IутIыж фестивалкIэ зэрахъуэкIынущ.

2997
Фотогалерея