Архиепископ Феофилакт Георгиевскэ цIыхубз къулъшырыфым литургие щригъэкIуэкIащ

05.04.2018
Просмотры: 3369

2018 гъэм мэлыжьыхьым и 4-м архиепископ Феофилакт Георгиевскэ цIыхубз къулъшырыфым литургие щригъэкIуэкIащ. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ къулъшырыфым и щоджэнхэм щоджэн нэхъыжь Лиманов Гермоген я пашэу, щоджэнхэр, богословскэ-иерархие дамыгъэхэр зыхуагъэфэщахэр. Къардэн къулыкъур иригъэкIуэкIащ къардэн нэхъыжь Кубэ Димитрий.
Пастыр нэхъыщхьэм щоджэнхэм тхьэлъэIу дамыгъэхэр яритащ. Игумен Вассиан (Рабков) жор тыгъэ хуащIащ, щоджэн нэхъыжь Лагутин Андрей палицэ зэрихьэну хуит ящIащ, къардэн Цупиков Геннадий – камилавкэр зэрихьэну хуит ящIащ.
ТхьэлъэIу нэужьым Щихънагъ нэхъыщхьэм фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ икIи щоджэнхэм ехъуэхъуащ.

3369
Фотогалерея