Щихънагъ нэхъыщхьэ Феофилакт Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам щригъэкIуэкIащ тхьэмахуэ литургиер

27.03.2018
Просмотры: 2720

2018 гъэм гъатхэпэм и 25-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я щихънагъ нэхъыщхьэ Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ Псыхуабэ и Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ члисэ зэхуэхьэсам и клирикхэм. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу тхьэлъэIум хэтыну къызэхуэсащ Псыхуабэ щыпсэухэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ. ХъыбарыфIхэр зэрыт тхылъ лъапIэм къеджа нэужь щихънагъ нэхъыщхьэм фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ, Инджылым итхэм щыщу къызэджа Iыхьэм теухуауэ. Литургие нэужьым щихънагъ нэхъыщхьэ Феофилакт екIуэлIапIэм кIуэхэм епсэлъылIащ Спасскэ члисэ зэхуэхьэсам и ЩIалэгъуалэ центрым.

2720
Фотогалерея