Псыхуабэ епархием и унагъуэ центрыр и илъэситхум IущIащ

11.03.2018
Просмотры: 3045

2018 гъэм гъатхэпэм и 10-м Псыхуабэ, Черкесск епархием и щихънагъ Феофилакт ехъуэхъуащ «Анэхэм папщIэ унэ» кризис IуэхущIапIэм и нэIэм щIэтхэмрэ абы и лэжьакIуэхэмрэ. Мы махуэхэм IуэхущIапIэр илъэситху ирикъуащ. Япэ юбилейм зэхуишэса хьэщIэхэм къащIащ къалэ-зыгъэпсэхупIэм и «Анэхэм папщIэ унэ» IуэхущIапIэм и тхыдэр. ЕссэнтIыгу щыIэ IуэхущIапIэр Псыхуабэ епархиер къызэIуаха нэужь, пастыр нэхъыщхьэм и хэщIапIэу къыхагъэщащ, ауэ щихънагъ Феофилакт, ар здэщыт щIыпIэр къилъытэри, социальнэ IуэхущIапIэу итыну унафэ ищIащ. 2012 гъэм «Анэхэм папщIэ унэ» IуэхущIапIэр къыщызэрагъэпэщым, апхуэдэ центр Москва и закъуэт щахуар. Иджы Урысейм апхуэдэхэм я бжыгъэр 56-рэ щыхъуащ: Псыхуабэ епархием къыхилъхьа жэрдэмыр нэгъуэщI щIыналъэхэми къыщагъэсэбэпащ.
Рубец Ларисэ зэрыжиIэмкIэ, кризис IуэхущIапIэм и екIуэлIапIэм илъэситхум къриубыдэу щыпсэуащ цIыхубз 35-рэ, сабий 50. Абы щыщу 10-м я гъащIэм и пэщIэдзэр абы щахьащ. «Анэхэм папщIэ унэ» IуэхущIапIэм иджыпсту цIыху 500 щыIэщ, гуманитар, медицинэ, юридическэ, психологие дэIэпыкъуныгъэхэр щыхуащIэу.
Юбилейм ирихьэлIэу унэм и дэIэпыкъуэгъухэмрэ псапащIэхэмрэ саугъэтхэр иратащ. Дауи, кризис IуэхущIапIэми а махуэм тыгъэ хуащIащ. Щихънагъ Феофилакт къызэхуэсахэм я Iэгуауэм щIэту, анэхэм папщIэ унэм машинэщIэ тыгъэ зэрыхуащIынур жиIащ. Псыхуабэ епархием къыбгъэдэкIыу нэгъуэщI саугъэти IуэхущIапIэм къратащ. Ар Кавказым и щIыналъэхэм ахэр я бынхэм ящIыгъуу Тхьэ елъэIуну зэрыкIуэнум и сертификатырщ. «Ди щIыналъэм и лъапIэныгъэхэм дыкIуэнущ, - къигъэгугъащ IуэхущIапIэм и нэIэм щIэтхэр Щихънагъым. – Ар Архызым и члисэжьхэм зыщуплъыхьыну зекIуэ гъэщIэгъуэнщ. Мы гъэм къыщыщIэдзауэ иджыри зы проект – паломническэ зэдэтщIэнущ». «Анэхэм папщIэ унэ» IуэхущIапIэр зи нэIэм щIэт щоджэн нэхъыжь Еланцев Сергий къыхигъэщащ кризис IуэхущIапIэ, Псыхуабэ епархием къызэригъэпэщар
щытыкIэ гугъу ихуа, Ставропольем и гъунэгъу щIыналъэхэм, нэгъуэщI республикэхэм щыщ бзылъхугъэхэм зэрыдэIэпыкъур.

3045
Фотогалерея