Щихънагъ Феофилакт Бронский Евгений и кхъащхьэм тхьэлъэIу щригъэкIуэкIащ

09.03.2018
Просмотры: 2271

2018 гъэм гъатхэпэм и 8-м, епархием и издательскэ къудамэм и япэ унафэщI Бронский Евгений дунейм зэрехыжрэ илъэситI щрикъум ирихьэлIэу, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я щихънагъ Феофилакт Псыхуабэ и Хорошевскэ кхъэм тхьэлъэIу щригъэкIуэкIащ. Щоджэн нэхъыщхьэм и гъусэу тхьэлъэIум хэтащ дунейм ехыжам и щхьэгъусэ Галинэ, ипхъу Ася, Епархием и унэм и лэжьакIуэхэр, и ныбжьэгъуу щытахэр. «ЦIыхухэм ящымыгъупщэр – псэущ! Бронский Евгений ди гум илъщ. ИлъэситI хъуауэ…», - жиIащ щихънагъ Феофилакт.

2271
Фотогалерея