Щихънагъ Феофилакт Спасскэ члисэ зэхуэхьэсам литургие щригъэкIуэкIащ

08.03.2018
Просмотры: 3734

2018 гъэм гъатхэпэм и 7-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я щихънагъ Феофилакт литургие щригъэкIуэкIащ Псыхуабэ и Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам. Хабзэ зэрыхъуауэ литургиер пщыхьэщхьэм ирагъэжьащ. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ члисэ зэхуэхьэсам и клирикхэм. Литургие уэрэдхэр жиIащ Кубэ Аннэ зэригъакIуэ щоджэн нэхъыщхьэм и хорым. Литургие нэужьым пастыр нэхъыщхьэм фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ. ИужькIэ, хабзэ зэрыхъуауэ, щихънагъ нэхъыщхьэр екIуэлIапIэм кIуэхэм щепсэлъылIащ.

3734
Фотогалерея