Студентхэр къыхураджащ социальнэ сайтхэм щысакъыну

20.02.2018
Просмотры: 3572

Черкесск къалэм пщафIэмкIэ, туризмымрэ сервис индустриемкIэ и колледжым зэIущIэ щекIуэкIащ, экстремизмымрэ терроризмымрэ пэщIэтыным теухуауэ. ЩIалэгъуалэм я зэIущIэм хэтащ къалэ мэрием физкультурэмкIэ, спортымрэ щIалэгъуалэ политикэмкIэ и Управленэм и унафэщIым и къуэдзэ Урыс Аслъэн, Черкесск къалэм и МВД-м и уголовнэ къэлъыхъуэныгъэм экстремизмым пэщIэтынымкIэ и къудамэм и уполномоченнэ нэхъыжь Загинайло Юрий, Тхьэм и Анэм и Покров члисэм и щоджэн Птушкин Сергий. Къызэхуэсахэм зэхыхьэм хэтхэр къыхураджащ социальнэ сайтхэм ныбжьэгъухэр къыщамыгъуэтыну икIи абыхэмкIэ зыри щызрамыгъэцIыхуну, лъэпкъ, дин IуэхукIэ мыхъумыщIагъэ гуэрхэр далъагъумэ.

3572
Фотогалерея