Щихънагъ Феофилакт щыхуагъэгъу тхьэмахуэм и тхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ

20.02.2018
Просмотры: 3500

2018 гъэм мазаем и 18-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я щихънагъ Феофилакт гъэшхэкI щамышх тхьэмахуэм тхьэлъэIу щригъэкIуэкIащ Псыхуабэ и Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам. Щоджэн нэхъыщхьэм Литургие къулыкъур драгъэкIуэкIащ члисэ зэхуэхьэсам и клирикхэм. ТхьэлъэIу уэрэдхэр  жаIащ регент Кубэ Аннэ зэригъакIуэ щоджэн нэхъыщхьэм и хорым. Япэу тхьэлъэIум хэтащ члисэ зэхуэхьэсам и тхьэмахуэ школым и сабий хорыр. ХъыбарыфIхэр зэрыт тхылъ лъапIэм итхэм къыщыхьахэм къеджа нэужь фIэщхъуныгъэ зиIэхэм щихънагъым узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ, Инджылым итхэм щыщу къызэджа Iыхьэр хэту. Литургие нэужьым къызэхуэсахэр шей ирагъэфащ.
Пщыхьэщхьэ тхьэлъэIур щихънагъ Феофилакт Спасскэ члисэ зэхуэхьэсам щригъэкIуэкIащ Псыхуабэ члисэ округым и екIуэлIапIэхэм я щоджэнхэм благочиннэ щоджэн нэхъыжь Дубинский Борис ящIыгъуу. Пастыр нэхъыщхьэр Тхьэ елъэIуащ НэщI иным и пэ къихуэу икIи фIэщхъуныгъэ зиIэхэм нэщIыр тыншу ИрахьэкIыну захуигъэзащ.

3500
Фотогалерея