УнафэщIым егъэджакIуэхэр бранычкIэ игъэхьэщIащ

19.01.2018
Просмотры: 3302

Псыхуабэ и Никольскэ члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Тарнакин Александр махуэшхуэм ирихьэлIэу Пушкин Александр и цIэр зезыхьэ къалэ школ №3-м и егъэджакIуэхэм ехъуэхъуащ. Щоджэным егъэджакIуэхэр хъуромэ бранычхэмкIэ игъэхьэщIащ, члисэм и тхьэмахуэ школым и гъэсэнхэм ягъэхьэзырар.
Сабийхэмрэ балигъхэмрэ я члисэм хъуромэ махуэшхуэ щагъэхьэзыращ. Тхьэмахуэ школым и театр гупым «Двенадцать месяцев» таурыхъыр ягъэлъэгъуащ. Сабийхэм хъуромэ уэрэдхэр, колядкэхэр жаIащ, усэ къеджащ. Члисэм и сабий псоми унафэщIым къыбгъэдэкI саугъэтхэр иратащ.

3302
Фотогалерея