Cабий щитхум Псыхуабэ и Покров члисэм хъуромэр щагъэлъэпIащ

13.01.2018
Просмотры: 2576

Сабий 200-м щIигъум Христос и Щэхухэм зыхагъэгъуэзащ Христос къыщалъхуа махуэм. Къулыкъу нэужьым Покров члисэм Хъуромэ псейм иращIэкIа гуфIэгъуэм хэтащ сабий 500-м щIигъу. Члисэ пщIантIэм хьэщIэ цIыкIухэм махуэшхуэ къащыпэплъэрт - Хъуромэ псейр, абы Уае Дадэри къеблэгъащ. Аниматорхэм псейр къафыхьащ, уэрэдхэр жаIащ, цIыкIухэм я гъусэу. Уае Дадэм зэхигъэкIащ ныбжьыщIэхэм саугъэтхэр яхуэфащэрэ яхуэмыфащэрэ. Хабзэ дахэхэм зэрыщыгъуазэр, «тху» защIэкIэ еджэну гупыж зэращIар, адэ-анэхэм едэIуэну, щIэх-щIэхыурэ члисэм екIуэлIэну зэрамурадым папщIэ Уае Дадэм зэхыхьэм къекIуэлIа цIыкIухэм саугъэтхэр яритащ.
«ХуабагъкIэ дыздэвгъэгуашэ» псапэ Iуэхум хыхьэу, «Христос дэтхэнэм папщIи» гуапагъэр ялэжьащ. Псыхуабэ къалэм социальнэу цIыхухэр хъумэнымкIэ и къудамэм къыбгъэдэкIыу сабий 200-м, екIуэлIапIэм щыщу хуэныкъуэ унагъуэхэм саугъэтхэр иратащ. А махуэм сабий псоми IэфIыкIэхэр иратащ, шей ирагъэфащ, пхъэщхьэмыщхьэхэр хуагуэшащ.

2576
Фотогалерея