Черкесск и Жьы хъуахэм я унэм щыIэхэм ехъуэхъуащ

08.01.2018
Просмотры: 2467

Хъуромэм и пэ къихуэу Черкесск и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам и клирик щоджэн Гурин Александр екIуэлIапIэм кIуэхэм я гъусэу Жьы хъуахэм я унэм щыIэхэм къэблагъэ махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ. ЕкIуэлIапIэм кIуэхэм нэхъыжьхэм иратащ езыхэм ягъэхьэзырыжа саугъэтхэр. Щоджэным гуэныхьхэр Iуэтэжыным и Щэхухэр иригъэкIуэкIащ, Патриарх Кириллрэ щихънагъ Феофилактрэ къагъэхьахэм къеджащ. Интернатым щыпсэу куэд хэтащ Никольскэ члисэр къэгъэщIэрэщIэжыным. Ахэр я гуапэу яIущIащ екIуэлIапIэм кIуэхэм, я гукъэкIыжхэмкIэ зэдэгуэшащ, хьэщIэхэм фIыщIэ хуащIащ я гуфIэгъуэр зэрыдаIэтам папщIэ.

2467
Фотогалерея