Зеленчукскэ станицэм щызэхуащIыжащ Хъуромэ спартакиадэр

07.01.2018
Просмотры: 2535

2018 гъэм щIышылэм и 4-м Зеленчукскэ районым и ДЮШС-м и Хъуромэ спартакиадэм и етIуанэ махуэр траухуащ атлетикэ псынщIэмкIэ зэхьэзэхуэм. Абы хэтхэр зэхьэзэхуащ метри 100-кIэ къыздэжэнкIэ, лъэнкIэ.
Зэпеуэм хэтхэм щехъуэхъум, щоджэн нэхъыжь Субтельный Евгений «Сторожевая-2» спортшколым и гъэсэнхэм фыщIэ яхуищIащ, Зеленчукскэ станицэим и спортсмен ныбжьыщIэхэм я гъусэу зэхьэзэхуэм зэрыхэтам папщIэ.
2018 гъэм щIышылэм и 5-м, Хъуромэ спартакиадэм и иужьрей махуэм волейболымкIэ зэхьэзэхуащ. Абы хэтащ Зеленчукскэ станицэм и школ №2-м и гупхэр, Ильич хьэблэм и щIалэгъуалэ гупыр. А хьэблэм щыщ щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ текIуащ. Хъуромэ спартакиадэм хэтахэм щIыхь тхылъхэмрэ саугъэтхэмрэ иратащ.

2535
Фотогалерея