Епархием и унэм и лэжьакIуэхэм иратащ Патриаршэ медалхэр

31.12.2017
Просмотры: 2722

2017 гъэм дыгъэгъазэм и 29-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я щихънагъ Феофилакт Псыхуабэ епархием и унэм и Иверскэ члисэм фIыщIэ тхьэлъэIу щригъэкIуэкIащ. Пастыр нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ епархием и управленэм и лэжьакIуэхэм. ТхьэлъэIум хэтхэр Тхьэм и Анэм и «Благодатная» тхьэнапэм лъэIэсащ, Афон Бгы ЛъапIэм кърахам.
ИужькIэ щоджэн нэхъыщхьэм иригъэкIуэкIащ управленэм и лэжьакIуэхэм я зэхуэсыр. Абы щызэхалъхьэжащ 2017 гъэм кърикIуахэр. Щихънагъым яритащ Патриаршествэр зэрызэфIагъэувэжрэ илъэси 100 зэрырикъум и медалхэр епархием и «Анэхэм папщIэ унэ» кризис центрым и унафэщI Рубец Ларисэрэ епархием и пресс-IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ, «Лик Кавказа», «Православное Пятигорье» газетхэм я редактор нэхъыщхьэ Нехристовэ Еленэрэ.

2722
Фотогалерея