Тхьэмахуэ школыр къэзыхъумэр сабий литургиекIэ ягу къагъэкIыжащ

29.12.2017
Просмотры: 3017

2017 гъэм дыгъэгъазэм и 28-м щихъ Иларион и цIэр зезыхьэ тхьэмахуэ школым, Псыхуабэ къалэм Тхьэнапищым я цIэр зезыхьэ и члисэм щызэхуэсащ Тхьэ елъэIуну. Школым и еджакIуэхэм я гуэныхьхэр яIуэтэжа къудей мыхъуу, Христос и щэхухэм зыхагъэгъуэзащ икIи тыхь щIапIэм деж щыдэIэпыкъуащ. Тхьэмахуэ школым и хорым игъэзэщIащ тхьэлъэIу литургие уэрэдхэр. Тхьэм и Анэм и Смоленскэ тхьэнапэм и цIэр зезыхьэ члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Симанович Олег зыхэта тхьэлъэIум иужькIэ тхьэмахуэ школым и гъэсэнхэм я гъусэу шей ефащ. Олег щихъ Иларион и гугъу ищIащ, Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэчам и лIыгъэм къытеувыIащ.

3017
Фотогалерея