Щихънагъ Феофилакт: «ФIыщIэ зэпымыууэ тщIыуэ дыпсэун хуейщ»

27.12.2017
Просмотры: 2908

2017 гъэм дыгъэгъазэм и 26-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я щихънагъ Феофилакт доклад нэхъыщхьэр щищIащ епархием и клирикхэмрэ мамыр цIыхухэмрэ я зэхуэсым. Зэхуэсым хэтхэм абы захуигъэзащ Тхьэм и фIыщIэкIэ: «ФIыщIэр дызэрыпсэу щытыкIэу щытын хуейщ, псалъэ къудей мыхъуу». Щоджэныр, дэтхэнэ зы чристэнми хуэдэу, Тхьэм фIыщIэ хуещI Евхрастием хэтыну Iэмал зэриIэм папщIэ.
«Члисэм фIыгъуэ гуэр хуэтщIэну дыщылъыхъуэкIэ, ди унагъуэм папщIэ дыщыхуэлажьэкIэ, Тхьэм и нэфI къызэрытщыхуэнум дыпылъщ. Тхьэм фIыщIэ зыхуищIэну цIыхур къигъуэтынущ», - жиIащ Пастыр нэхъыщхьэм. Абы къыхуриджащ Тхьэм къыбгъэдэкI дэтхэнэ зы фIыгъуэ мащIэм папщIи фIыщIэ хуащIыну. Щихънагъ Феофилакт къызэхуэсахэм щихъ Златоуст Иоанн и псалъэхэр къахуихьащ, Тхьэм фIыщIэ зэрыхуищIыфынур и гуэныхьхэр иIуэтэжкIэу.
Щоджэн нэхъыщхьэм и Iэщэ нэхъыщхьэу къигъэлъэгъуар псалъэщ, Iуэхур зи япэ итыр. Щихънагъым ягу къигъэкIыжащ щоджэныр и псалъэмкIэ жэуап зэрихьыр. Абы апхуэдэу къыхигъэщащ и гъунэгъу псоми гулъытэ яхуищIын папщIэ.
«Щоджэныр псоми хуэныкъуэщ», - жиIащ щихънагъ Феофилакт. ЦIыхухэм гулъытэ хуащIын хуейщ члисэм и лэжьакIуэхэми. «Зэи зыщывмыгъэгъупщэну фыкъыхузоджэ члисэм и лэжьакIуэхэр цIыхухэм зэрахущытыр – фэ цIыхухэм фазэрыхущытым зэринэщэнэр», - ягу къигъэкIычжащ Пастыр нэхъыщхьэм. Апхуэдэу ар тепсэлъыхьащ тхьэлъэIу зэрагъэкIуэкI хабзэми. «Мардэ зимыIэ псори мыхъумыщIэщ. Сыт и лъэныкъуэкIи мардэ щыIэн хуейщ», - жиIащ щоджэн нэхъыщхьэм. Щихънагъым псори къыхуриджащ члисэ уэрэдыфI жаIэну.
Щихънагъ Феофилакт и псалъэмкIэ, щоджэнхэм я зэхуаку ныбжьэгъугъэ дэлъыныр хабзэ дахэу жаIащ. Апхуэдэ ныбжьэгъугъэм Христос и лъабжьэщ. «ДыщызэпсалъэкIэ Тхьэм и цIэ къидмыIуэмэ, ар купщIэншэщ», - къыхигъэщащ Щихънагъым. Ныбжьэгъур чэнджэщэгъуфIщ, уи мыхъумыщIагъэхэм гулъытэ хуигъэщIыжу.
Пастыр нэхъыщхьэм ягу къигъэкIыжащ щихъ Исаии и псалъэхэр. Щихънагъым псори къыхуриджащ цIыхум нэхъыфIкIэ зихъуэжыну иIэ сыт хуэдэ
гугъэми щыгуфIыкIыну.
Щихънагъ Феофилакт псом хуэмыдэу мамыр цIыхухэм захуигъэзащ члисэм щрагъэкIуэкI зэгъусэ тхьэлъэIум и къарур ягу къигъэкIыжу. Пастыр нэхъыщхьэм и докладыр щызэхуищIыжым къызэхуэсахэм фIыщIэ яхуищIащ 2017 гъэм зэфIагъэкIахэм папщIэ. ИужькIэ Щихънагъым зэхуэсым хэтхэм я упщIэхэм жэуап иритащ.
Зэхыхьэр щызэхуащIыжым клирикхэмрэ къызэрыгуэкI цIыхухэмрэ медалхэр, щIыхь тхылъхэр иратащ, Патриаршествэр къызэрагъэщIэрэщIэжрэ илъэси 100 зэрырикъум папщIэ.

2908
Фотогалерея