Щихънагъ Феофилакт литургиер щригъэкIуэкIащ Лермонтовэ и Сергиевэ члисэм

24.12.2017
Просмотры: 3073

2017 гъэм дыгъэгъазэм и 23-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я щихънагъ Феофилакт тхьэлъэIу литургиер щригъэкIуэкIащ Лермонтовэ къалэм щихъ Радонижский Сергий и цIэр зезыхьэ и члисэм. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Лермонтовскэ члисэ округым и екIуэлIапIэхэм я щоджэнхэм благочиннэ, члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Фаустов Константин я пашэу. Къардэн къулыкъур иригъэкIуэкIащ къардэн нэхъыжь Кубэ Димитрий. Пастыр нэхъыщхьэм къулыкъур дащIэну къызэхуэсащ  ъалэдэсхэр, Кавказым и Минводы къикIахэр, щIыналъэ лъапIэм Тхьэ щелъэIун папщIэ.
Литургие нэужьым щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм захуигъэзащ узэщIыныгъэкIэ икIи екIуэлIапIэм къэкIуахэм епсэлъыл1ащ.

3073
Фотогалерея