Епархием и Никольскэ члисэм и зэгухьэныгъэхэр пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэм IущIащ

20.12.2017
Просмотры: 3539

2017 гъэм дыгъэгъазэм и 19-м Кисловодск ягу къыщагъэкIыжащ члисэ зэхуэхьэсамрэ Чристэн гимназиемрэ къэзыхъумэр. Зэхыхьэр Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам щрагъэжьащ. Абы псыр гъэнэхун тхьэлъэIур щрагъэкIуэкIащ щихъым и акафистым къеджэу икIи тхьэлъэIу литургиер иригъэкIуэкIащ члисэ зэхуэхьэсам и унафэщI щоджэн нэхъыжь Знаменский Иоанн.
Лэжьэгъуэ махуэми емылъытауэ, члисэм тхьэ елъэIухэр щIэз хъуащ. Махуэшхуэм къызэхуэсащ члисэм екIуалIэхэр, къалэ-зыгъэпсэхупIэм и хьэщIэхэр, Чристэн Свято-Никольскэ классическэ гимназием и еджакIуэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ. ТхьэлъэIу литургие уэрэдхэр ягъэзэщIащ гимназием и гъэсэнхэм. ЕджакIуэхэм Христос и щэхухэм зыхагъэгъуэзащ. ТхьэлъэIу нэужьым зэгъусэ тхьэлъэIу ирагъэкIуэкIащ.
ТхьэлъэIу нэужьым члисэ зэхуэхьэсам и унафэщIыр екIуэлIапIэм кIуэхэм пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ икIи псапащIэхэм фIыщIэ яхуищIащ – Тимохин Владислав, Музенитов Павел, Алексов Павел сымэ, члисэм и нэIэ зэрытрагъэтымрэ мылъкукIэ зэрызыкъыщIагъакъуэмрэ папщIэ. Махуэшхуэм щыпащащ Чристэн гимназием. Дэтхэнэ зы классми щихъ Николай щагъэлъапIэрт. Школым и гъэсэнхэм викторинэм и упщIэхэм жэуап иратыжащ, щихъым и гъащIэр и щапхъэу, я проектхэр утыку кърахьащ, иужькIэ я Iуэху еплъыкIэхэмкIэ зэдэгуэшащ. Дэтхэнэ зы классым щыщхэри еплъащ щихъым и гъащIэм теухуа фильмым. 4 классым и гимназием и гъэсэнхэр паркым кIуащ, Телъыджэ къэзыгъэхъу Николай и скульптурэ теплъэм нэс, щихъыр тропар жаIэу ягъэлъапIэурэ. Гимназием и 5-11 классым екIуалIэ и гъэсэнхэр щоджэн нэхъыжь Чеканов Димитрий и гъусэу Жор бгым дэкIащ, 1798 гъэм жорыр щагъэувам. Жорым деж гимназием и гъэсэнхэм акафист щыжаIащ икIи тхьэлъэIу уэрэдхэр жаIэу гимназием къагъэзэжащ.

Псыхуабэ къалэм (КъБР) щыпсэу куэд Никольскэ члисэм пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэм щыIущIащ. ТхьэлъэIу литургиер иригъэкIуэIкащ Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам и екIуэлIапIэхэм я благочиннэ щоджэн нэхъыжь Бобылев Валентин. Абы къулыкъур драгъэкIуэкIащ члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Маршалкин Андрей, благочинием и щоджэнхэм. Махуэшхуэр зэгъусэ тхьэлъэIукIэ ирагъэкIуэкIащ. Абы къэзакъхэр жыджэру хэтащ.
Пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэр щрагъэкIуэкIащ Минводы щихъ Николай и цIэр зезыхьэ и члисэм. ТхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ Минераловодскэ члисэ округым и  кIуэлIапIэхэм я благочиннэ щоджэн нэхъыжь Панасенкэ Алексей, члисэм и унафэщI щоджэн Чемодуров Кириллрэ округым и щоджэнхэмрэ я гъусэу. Литургие уэрэдхэр игъэзэщIащ члисэм и хор регент Головинэ Маринэ щIыгъуу. ГуфIэгъуэ зэхыхьэхэм хэтащ члисэм екIуалIэхэр, Солдатскэ станицэм, Кавказым и Минводы къикIахэр. ТХьэлъэIу нэужьым зэгъусэ тхьэлъэIу ирагъэкIуэкIащ. Махуэшхуэр IэнэкIэ зэхуащIыжащ.

3539
Фотогалерея