Щихънагъ Феофилакт ЕссэнтIыгу и Троицкэ члисэм литургие щригъэкIуэкIащ

17.12.2017
Просмотры: 3349

2017 гъэм дыгъэгъазэм и 16-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я щихънагъ Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ ЕссэнтIыгу и Троицкэ члисэм. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ: ЕссэнтIыгу члисэ округым и екIуэлIапIэхэм я благочиннэ щоджэн нэхъыжь Еланцев Сергий, члисэм и унафэщI щоджэн Букарев Андрей, къардэн нэхъыжь Кубэ Димитрий. ТхьэлъэIу нэужьым Пастыр нэхъыщхьэм фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ.
Щихънагъыр щоджэнхэм я гъусэу кIэлъыплъащ Троицкэ члисэм и ухуэныгъэм. Зэгухьэныгъэм хэтхэр Тхьэ щолъэIу абы папщIэ къызэрагъэпэща пэшым.
А махуэм и пщыхьэщхьэм щихънагъ Феофилакт Псыхуабэ и Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам тхьэлъэIу щригъэкIуэкIащ. Щоджэным къулыкъур драгъэкIуэкIащ члисэ зэхуэхьэсам и клирикхэм. Щихънагъыр къеджащ Инджылым икIи фIэщхъуныгъэ зиIэхэм дагъэ гъэнэхуам щыщ ялъигъэIэсащ.

3349
Фотогалерея