Спасскэ члисэ зэхуэхьэсам волонтёрхэм щехъуэхъуащ

04.12.2017
Просмотры: 3297

2017 гъэм дыгъэгъазэм и 3-м, тхьэлъэIу литургие нэужьым, Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам и щIалэгъуалэ центрым щекIуэкIащ волонтёрхэм я махуэм теухуа зэхыхьэ. Ар дыгъэгъазэм и 5-м гъэ къэси ягъэлъапIэ. ЗэIущIэм хыхьэу члисэ зэхуэхьэсам и унафэщI щоджэн Мовчанов Димитрий абыхэм ехъуэхъуащ, члисэм щащIэ лэжьыгъэхэм папщIэ икIи фIыщIэ тхылъхэр волонтерхэм яритащ.
Спасскэ члисэ зэхуэхьэсам волонтёр Iуэхур щиухыркъым тхьэлъэIухэм деж дэIэпыкъэугъухэр щыхуащIэурэ. Волонтёрхэр екIуэлIапIэхэм я консультантуи мэлажьэ пщIэншэу, члисэ зэхуэхьэсар тхьэлъэIухэм жыджэру хуагъэхьэзыр.

3297
Фотогалерея