Епархием и щIалэгъуалэ къудамэр ирагъэблэгъащ сабий унэм и гъэсэнхэм я гъэлъэгуъэныгъэм

03.12.2017
Просмотры: 2576

2017 гъэм дыгъэгъазэм и 3-м Псыхуабэ епархием и ЩIалэгъуалэ къудамэм къызэригъэпэщащ КМВ-м и щIыналъэхэм щыщу зыплъых ьакIуэ кIуэну зыфIэфIхэм, сурэттеххэм, блогерхэм я сурэт гъэлъэгъуэныгъэ. Гъэлъэгъуэныгъэм и лэжьыгъэр ирагъэжьащ Псыхуабэ и кофе ефапIэхэм ящыщ зым. Абы утыку къыщрахьащ Триско Евгения, Вяткинэ Александрэ, Назарян Янэ сымэ я сурэтхэр. 
Сурэтхэм ухагъэгъуазэ Кавказым и щIыпIэхэм я дахагъэм. Выставкэм зыкърезыгъэхьэлIахэм ящыщщ сабий унэ №32-м и гъэсэнхэр. Къудамэм и унафэщI щоджэн Яковенкэ Илия, сурэттеххэр, хьэщIэхэр тепсэлъыхьащ я щIыналъэр фIыуэ зэралъагъум. Авторхэм ящыщ зы, Вяткин Александр ядэгуэшащ кърихьэлIахэм зыплъыхьакIуэ зэрыщыIам теухуа я гукъэкIыжхэмкIэ.

2576
Фотогалерея