Щоджэныр класс нэхъыжьхэм щIэсхэм чристэн щэнхабзэм яхутепсэлъыхьащ

30.11.2017
Просмотры: 2631

2017 гъэм щэкIуэгъуэм и 29-м екIуэкIащ Кисловодск и Крестовоздвиженскэ члисэм и клирик щоджэн Воробьев Андрейрэ къалэ-зыгъэпсэхупIэм и 9-11 классхэм я еджакIуэхэмрэ. «Христианская культура в свете современного искусства» зэпсэлъэныгъэр класс нэхъыжьхэм щIэсхэм щIэщыгъуэ ящыхъуащ, егъэджакIуэхэри хыхьэу.
Щоджэным гу лъаригъэтащ иджырей кинематографием – къэралымрэ нэгъуэщI щIыналъэхэмрэ къыдагъэкI фильмхэм. «Матрица» американ блокбастерым чристэн лъабжьэ зэриIэр къызэрыплъагъунум къытеувыIащ, фильмым къыхэщ лIыхъужьхэм нэхъыжьхэм пщIэ зэрыхуащIыр, зыр адрейм зэрыдэIэпыкъур.
ЗэIущIэм хыхьэу еджакIуэхэм упщIэ куэд ятащ. Школым и унафэщI Буров Егор щоджэным фIыщIэ хуищIащ зэпсэлъэныгъэм папщIэ икIи дяпэкIи зэIущIэну зэрыщыгугъыр къыхигъэщащ.

2631