Щоджэныр къыщыпсэлъащ адэ-анэхэм я зэIущIэм

30.11.2017
Просмотры: 2960

2017 гъэм щэкIуэгъуэм и 28-м Прохладнэ къалэм (КъБР) щекIуэкIащ къалэпсо зэIущIэ, унагъуэмрэ адэ-анэхэм я бынхэм я гъэсэныгъэм хэлъ шынагъуэмрэ ятеухуауэ. Адэ-анэхэм я зэхыхьэм хэтащ къалэ администрацэм и Iэтащхьэ Тараев Игорь, Прохладнэ егъэджэныгъэмкIэ и управленэм и унафэщI Ворон Иринэ, цIыхухэм социальнэ Iуэхутхьэбзэхэр яхуэщIэнымкIэ Комплекс центрым и унафэщI Сасиковэ Надеждэ, Телъыджэ къэзыгъэхъу Николай и цIэр зезыхьэ члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Маршалкин Андрей, Прохладнэ къалэм и Iимам Джалалов Магомед, дохутыр-нарколог Бойко Аннэ. Къэпсэлъахэр нэхъыщхьэу зэкъуэзыгъэувар наркотикым, тутыным, фадэм щIалэгъуалэр пэIэщIэ щIын зэрыхуейрщ. Адэ-анэхэм къыхагъэщащ тутыныр балигъ мыхъуахэм зэрыращэм. Къалэм и мэр Тараев Игорь адэ-анэхэм
къажриIащ апхуэдэ Iуэхугъуэхэм щрихьэлIэкIэ хъыбар ирагъэщIэну, хабзэр къызэпызыудхэр жэуапым зэрырашэлIэнур. ЕгъэджэныгъэмкIэ управленэм и унафэщI Ворон Иринэ къытеувыIащ къалэм сабийхэм папщIэ щрагъэкIуэкI зэхыхьэхэм. Дохутыр-нарколог Бойко Аннэ къыхуриджащ адэ-анэхэр я бынхэм я узыншагъэм кIэлъыплъыну, Iэмал зимыIэ
медицинэ къэпщытэныгъэхэр ирагъэкIуэкIыну. Щоджэнхэр нэхъыбэу къызытеувыIар сабийхэр диным щIэпIыкIын зэрыхуейрщ. Щоджэным ягу къигъэкIыжащ я бынхэм я гъусэу Iуэху ящIэмэ, абыхэм епсэлъылIэмэ ахэр нэхъ зэпэгъунэгъу, я дзыхь нэхъ зрагъэз зэрыхъунур. Къэпсэлъахэм адэ-анэхэм я упщIэхэм жэуап иратащ.

2960