Хъуромэ хуабэ Iуэхур ирагъэжьащ

29.11.2017
Просмотры: 3546

Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я щихънагъ нэхъыщхьэ Феофилакт и арэзыныгъэкIэ, Хъуромэ нэщIым и махуэхэм щэкIуэгъуэм и 28-м щыщIэдзауэ щIышылэм и 7 пщIондэ Псыхуабэ епархием и Iэгъуэблагъэм щрагъэжьащ «Хъуромэ хуабэ» псапэ Iуэхур.
ПщIэ зыхуэтщI къуэшхэ, шыпхъухэ!
Христос и Хъуромэ махуэшхуэм и гуфIэгъуэр дэтхэнэ зы унагъуэми зы цIыхуми я деж къихьэн хуейщ! Iуэхур къыхэзылъхьахэм я мурадыр – щыгъын хуабэхэр  эхуэхьэсынырщ (щIэхэр), ерыскъыпхъэхэр, зыхуеину къабзагъэ Iэмэпсымэхэмрэ хьэпшыпхэмрэ, хуэныкъуэхэм хуащIыну тыгъэхэр. Апхуэдэ дэIэпыкъуныгъэхэр члисэхэм е къулъшырыфхэм фхьы хъунущ, епархием и Анэхэм папщIэ унэ кризис центрри хыхьэу ЕссэнтIыгу щыIэм. ПсапащIэм фызэрыхэтыр къыфхуэщхьэпэну дыщогугъ! Махуэшхуэм и пэ къихуэу тщIэ
гуапагъэр тыгъэ хъунущ!

3546