Черкесск и члисэ зэхуэхьэсам екIуалIэхэр жьы хъуахэм я унэм щыIащ

27.11.2017
Просмотры: 3097

2017 гъэм щэкIуэгъуэм и 26-м Черкесск и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам и тхьэмахуэ зэпсэлъэныгъэхэм екIуалIэхэр Анэхэм я махуэмкIэ ехъуэхъуащ къалэм жьы хъуахэмрэ ныкъуэдыкъуэхэмрэ я интернатым щыпсэухэм. ЕкIуэлIапIэм кIуэхэм я гъусащ Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам и клирик щоджэн Гурин Александр. ХьэщIэхэм яIущIащ интернатым и унафэщIым и къуэдзэ Дорохин Юрий. Анэм дэтхэнэ зы цIыхуми и гъащIэм щиубыд увыпIэм теухуа видео сюжет кIэщIым иужькIэ, щоджэным къызэхуэсахэм захуигъэзащ хъуэхъукIэ икIи Тхьэм и Анэм и «Иерусалимская» тхьэнапэр тыгъэ яхуищIащ, щIыналъэ лъапIэм кърахар. Члисэ зэхуэхьэсам екIуалIэхэм интернатым щыпсэухэм IэфIыкIэхэр тыгъэ хуащIащ. ХьэщIэхэм зыщаплъыхьащ ныкъуэдыкъуэхэр щыпсэу пэшхэм икIи махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ. Интернатым щыIэхэм хьэщIэхэм фIыщIэ хуащIащ
къыхуащIа гулъытэм папщIэ икIи иджыри ахэр ирагъэблэгъащ.

3097