Черкесск и чристэн гимназием и япэ классым кIуэхэр я анэхэм ехъуэхъуащ

25.11.2017
Просмотры: 2439

2017 гъэм щэкIуэгъуэм и 24-м Черкесск и Свято-Сергиевскэ гимназием и япэ классым щекIуэкIащ Анэхэм я дунейпсо махуэм теухуа махуэшхуэ. Анэхэр, анэшхуэхэр, адэхэр абы ирагъэблэгъащ. Сабийхэр усэхэм къеджащ, уэрэдхэр жаIащ, анэхэм я япэ школ вальсыр тыгъэ хуащIащ. Апхуэдэу саугъэтхэр тыгъэ хуащIащ, езыхэм я IэкIэ ягъэхьэзырыжауэ. Анэхэмрэ сабийхэмрэ арэзы хъуащ.

2439