«Анэхэм папщIэ унэ» IуэхущIапIэм и IэщIагъэлIхэр щIалэгъуалэм яIущIэным пащащ

03.11.2017
Просмотры: 2453

ЩIалэгъуалэм лъэпкъым и лъапIэныгъэхэм, дунейм къытемыхьа сабийхэр мыгъэкIуэдыжыным теухуауэ драгъэкIуэкI зэIущIэхэм пыщэным теухуа Iыхьэр Кисловодск къыщызэIуихащ епархием и «Анэхэм папщIэ унэ» кризис центрым щыщ Мосцепан Владимир. Ар къалэм и школ №8-м щIалэгъуалэм щепсэлъащ «ГъащIэр хъумэ!» гъэлъэгъуэныгъэм теухуауэ. ЗэIущIэхэр «Анэхэм папщIэ унэ» АНО-м Кисловодск егъэджэныгъэмкIэ и къудамэм ирищIылIа зэгурыIуэныгъэм тету ирагъэкIуэкI. Ахэр щIызэгурыIуар еджакIуэхэр муниципальнэ егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм я еджакIуэхэр духовнэ- нравственнэ Iуэхугъуэхэм хагъэгъуэзэн, унагъуэ институтхэр, анагъэр, сабиигъуэр ягъэбыдэн папщIэщ.

2453