Гимназиемрэ члисэ зэхуэхьэсамрэ дерсхэр щрагъэкIуэкIащ Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча Фаддей теухуауэ

30.10.2017
Просмотры: 2648

Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча Фаддей (Успенский) и къарур щигъуэта махуэм ирихьэлIэу Черкесск зэIущIэ зыбжанэ щекIуэкIащ. Свято- Сергиевскэ гимназием ОПК-мкIэ дерсхэр щекIуэкIащ. Абы еджакIуэхэм зыщыхагъэгъуэзащ щихъым и гъащIэм. Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам и щоджэн Гурин Александр еджакIуэхэм яхутепсэлъыхьащ щихъым и гъащIэм икIи я пащхьэм щигъэлъэгъуащ абы и гъащIэм щыщ теплъэгуъэхэр. 2-4 классхэм щIэсхэр хагъэгъуэзащ XX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм икIи пастыр нэхъыщхьэм Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зэрырагъэшэчам и лIыгъэм теухуа куэд къащIащ. Дерсым и кIэухым еджакIуэхэм папщIэ викторинэ ирагъэкIуэкIащ. Жэпуэгъуэм и
29-м зыхагъэгъэузащ Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча Фаддей и гъащIэ гъуэгуанэм. НыбжьыщIэхэм Тхьэм и нэфI зыщыхуам теухуа куэд къащIащ. Чристэн гъащIэм, лIыгъэм и щапхъэ хъуащ ар ныбжьыщIэхэм я дежкIэ.

2648
Фотогалерея