Медиазэхуэсым хыхьэу Легойдэ Владимир студентхэм яIущIащ

29.10.2017
Просмотры: 2941

Члисэмрэ жылагъуэмрэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмрэ я зэхущытыкIэхэмкIэ Синод къудамэм и унафэщI Легойдэ Владимир, «Тхьэм и нэфI зыщыхуа Кавказ» IV медиазэхуэсым хэткIэрэ, Псыхуабэ жэпуэгъуэм и 27-28- хэм щекIуэкIам, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ университетым и къудамэм (СервисымкIэ, туризмымрэ дизайнымкIэ) и студентхэм зэIущIэ ядригъэкIуэкIащ. Члисэмрэ жылагъуэмрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я зэхущытыкIэхэмкIэ къудамэм и Iэтащхьэм и зэIущIэ «Члисэр зэманым дэбэкъуэн хуей?» темэм траухуам хэтащ севисымкIэ, туризмымрэ дизайнымкIэ институтым и егъэджакIуэ, студент 200-м нэблагъэ, абы и унафэщIхэр, унафэщIым щIэныгъэ лэжьыгъэхэмрэ инновацэмкIэ и къуэдзэ Вартумян А.А., унафэщIым гъэсэныгъэ лэжьыгъэхэмкIэ и къуэдзэ Нагорная Ю.В.

ЗэIущIэм къыщаIэта упщIэм жэуап щритым, Легойдэ В. къыхигъэщащ Члисэр зэманым дэбэкъуэн зэрыхуейр. Ауэ, абы зэрыжиIэмкIэ абы къикIыркъым нэгъуэщIхэм къагурыIуэн папщIэ, щоджэныр жылагъуэм щепсэлъылIэкIэ, къызэрыкIуэ псэлъэкIэ иIэн хуейуэ, атIэ задригъэкIун хуейуэ аращ. «Жылагъуэр здэпшэн щхьэкIэ, Члисэр зэхащIыкIын хуейщ, ауэ абы къикIыркъым Гнойнэм е Оксимирон и рэп-баттлым сыхуэкIуэну. Члисэм и къалэныр – цIыхум и духовнэ акъылыфIагъэм, щытыкIэм хэгъэхъуэнырщ», - жиIащ Члисэмрэ жылагъуэмрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмкIэ къудамэм и унафэщIым. «Члисэм жиIэркъым, чристэнхэр – нэгъуэщIхэм хуэдэу, атIэ Члисэм
фыкIуэмэ нэгъуэщIыбжэ къызэрыфхузэрыIукIынурщ», - щIигъужащ абы. Члисэм щекIуэкI Iуэхугъуэхэм щытепсэлъыхьым, Легойдэ В. къыхигъэщащ щIалэгъуалэм я деж Члисэм щытеIукIа Iуэху еплъыкIэхэр зэрымыпэжыр. 
«Члисэм, дауи, щхьэхуэныгъэхэр хэлъщ. Ауэ ахэр гъащIэм и сыт хуэдэ унэтIыныгъэхэми хэлъщ. Псалъэм папщIэ, цIыхум профессиональнэ спортсмен хъуну и мурадмэ, абы зэпеуэхэм зыхуигъэхьэзырыфынукъым, гъуэлъыпIэм илърэ псы ефэу», - жиIащ Члисэмрэ жылагъуэмрэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэмкIэ и къудамэм и унафэщIым.
«Дэтхэнэ зы спортсменми, къыхиха гъуэгуанэм ехъулIэныгъэ щызыIэригъэхьэну и мурадмэ, зыгуэрхэм зыхуегъэныкъуэ. Апхуэдэщ спортсменхэр зытес диетэр. Ауэ, спортыр зыхуэунэтIар зыгуэр зыхуэгъэныкъуэныркъым, атIэ ехъулIэныгъэхэм жыджэру хуэкIуэнырщ, зэхьэзэхуэм щытекIуэнырщ, - щIигъужащ абы.
Легойдэ В. зэрыжиIэмкIэ, Члисэм къигъэлъагъуэ зызыхуэбгъэныкъуэнухэр профессиональнэ спортым къигъэувхэм хуэдэщ: «Ахэр зэрызэщхьэщыкIыр спортым физикэ зыужьыныгъэ къуитмэ, Члисэм – цIыхум духовнэ и лъэныкъуэкIэ зрегъэузэщI».
Абы и къэпсэлъэныгъэр и кIэм щынэблагъэм, Легойдэ В. егъэджакIуэхэмрэ студентхэмрэ я упщIэхэм жэуап иритащ. Къэбгъэлъагъуэмэ, упщIэ куэд ятащ. А махуэм зэхуэсым и нэгъуэщI спикерыр – «Спас» телеканалым и унафэщI Корчевников Борис IущIащ Псыхуабэ университетым и журналист-студентхэм. 

2941
Фотогалерея