2017 гъэм жэпуэгъуэм и 21-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я щихънагъ Феофилакт Предгорнэ районым и Новоблагодарнэ къуажэм и члисэ ухуэныгъэм и япэ мывэр игъэтIылъащ. Члисэм пэгъунэгъу ухуэныгъэм щоджэн нэхъыщхьэм къыщыIущIащ къэзакъхэр, къуажэ школым и еджакIуэхэр, Лермонтовскэ члисэ округым и щоджэнхэр благочиннэ щоджэн нэхъыжь Фаустов Константин и гъусэу.
Члисэ ухуэныгъэм и щIыпIэм фэеплъ пхъэбгъу щыгъэтIылъын щIыхь зыпылъ Iуэхур Пастыр нэхъыщхьэм дигуэшащ къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ Роев Николайрэ члисэм екIуэлIэнухэмрэ. Щихънагъым зэхуэсахэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ. Къуажэ администрацэм и Iэтащхьэри и къуажэгъухэм ехъуэхъуащ. Апхуэдэу члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Углов Сергий и гъусэу щихънагъ Феофилакт члисэ ухуэныгъэр зэрекIуэкIым кIэлъыплъащ. Зэхыхьэм хэтахэм зэгъусэу сурэт зытрагъэхащ.
А махуэм и пщыхьэщхьэм щихънагъ Феофилакт тхьэмахуэ тхьэлъэIур щригъэкIуэкIащ Псыхуабэ и Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ члисэ зэхуэхьэсам и клирикхэм. ТхьэлъэIу уэрэдхэр жаIащ Кубэ Аннэ зэригъакIуэ хорым. Щоджэн нэхъыщхьэр тхьэмахуэ Инджылым къеджащ икIи фIэщхъуныгъэ зиIэхэм гъэнэхуа дагъэр ящихуащ.