УнафэщIым фIэхъус ярихащ юбилей район зэхуэсым хэтахэм

21.10.2017
Просмотры: 2594

201 гъэм жэпуэгъуэм и 20-м Новоблагодарнэ къуажэм и курыт еджапIэ №5- м щекIуэкIащ Предгорнэ районым производственнэ IэпщIэлъапщIэмкIэ и школым и илъэс 50 юбилей зэхуэс-зэпеуэр. Абы хэтащ еджакIуэхэм я производственнэ бригадэ 17. Ахэр къуажэм и щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэм я унэтIыныгъэщ. Район зэхуэсыр къыщызэIуахым абы хэтхэм фIэхъус ирахащ егъэджэныгъэмкIэ управленэм и методист Васильевэ Е. А., мэкъумэш хозяйствэмкIэ управленэм и унафэщIым и къуэдзэ Антюшин В. И., районым и къуажэ школхэм я унафэщIхэр. Тхьэм и Анэм и Покров члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Углов Сергий хъуэхъухэм пищащ икIи псоми захуигъэзащ Тхьэр къадэIэпыкъуну я лэжьыгъэхэр зэфIахынымкIэ.
Зэхуэсым хэтхэр зэбгырыкIри ягъэлъэгъуащ мэкъумэш щIэныгъэхэм щаIэ зэфIэкIхэр: къэкIыгъэхэм, жыг хадэм зегъэужьыным, щIыуэпсым епха я Iуэху бгъэдыхьэкIэхэр. Зэхыхьэм къыщыхэжаныкIахэм щIыхь тхылъхэр иратащ икIи махуэшхуэ концерткIэ зэхуащIыжащ.

2594