Щоджэныр Псыхуабэ щыщу дзэм къулыкъу щызыщIэну ираджахэм ехъуэхъуащ

14.10.2017
Просмотры: 2332

2017 гъэм жэпуэгъуэм и 13-м Псыхуабэ, «Мыужьыхыж мафIэ» фэеплъым и пост №1-м деж дзэм къулыкъу щызыщIэну ираджэхэм я махуэр щагъэлъэпIащ. Абы ирагъэблэгъащ хьэщIэ лъапIэхэр, Хэку зауэшхуэм и ветеранхэр, дзэм къулыкъу щызыщIэхэр, ветеранхэм я советхэм я лIыкIуэхэр, сэлэт анэхэм я комитетыр, администрацэмрэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ, дзэм къулыкъу щызыщIэну ираджахэр, къалэм и курыт еджапIэхэм я еджакIуэхэр, студентхэр. Зэхуэсахэм фIэхъускIэ захуигъэзащ Псыхуабэ къалэмрэ Лермонтовэрэ я дзэ комиссар, полковник Гусоев Валерий, губернаторым и лIыкIуэ Коробейников Александр, Псыхуабэ, Лермонтовэ, нэгъуэщI къалэхэм я Iэтащхьэхэм я къуэдзэхэр, нэгъуэщI хьэщIэ лъапIэхэр.
Псыхуабэ епархием и цIэкIэ дзэм къулыкъу щызыщIэнухэм ехъуэхъуащ къалэм и Георгиевскэ члисэм и унафэщI, епархием IэщэкIэ зэщIэузэда и къарухэмрэ хабзэхъумэ IэнатIэхэмкIэ и къудамэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Сорокин Константин.

2332