Кисловодск и чристэн гимназием егъэджакIуэхэм щехъуэхъуащ

08.10.2017
Просмотры: 2893

Кисловодск и Свято-Никольскэ гимназием щагъэлъэпIащ егъэджакIуэхэм я махуэр. Махуэшхуэ зэхыхьэр къыщызэIуихым, гимназием и унафэщI щоджэн нэхъыжь Знаменский Иоанн гимназиер къызэIузыха, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я щихънагъ Феофилакт егъэджакIуэхэм зэразыхуигъазэ хъуэхъум къеджащ. «ЕгъэджакIуэр – IэщIагъэм нэхърэ нэхъыбэщ, егъэджэныгъэм цIыхур къыхуегъэщI. ЕгъэджакIуэр и IэщIагъэм хуэIэижьу щытыным и мызакъуэу акъылыфIэу, и гъэсэнхэм гулъытэ яхуищIу, яхуэгуапэу, я дэIэпыкъуэгъуу щытын хуейщ».
Гимназием и Попечительскэ советым къыбгъэдэкIыу егъэджакIуэхэм хъуэхъукIэ захуигъэзащ Калугин Валерийрэ Торгалло Аллэрэ. Абыхэм фIыщIэ хуащIащ егъэджэныгъэ IуэхущIапIэм зэпымыууэ псапэ зэрыхуащIэм папщIэ. 

Гимназием и гъэсэнхэм махуэшхуэ концерт ягъэхьэзыращ. Абы къыщыпсэлъащ гимназием и хьэщIэ лъапIэ Тверский Павел, гимназием и хорым и гъусэу «Кисловодск – горд солнца» уэрэдыр зыгъэзэщIар.
А махэум еджакIуэхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ ехъуэхъуащ гимназием и щоджэн нэхъыжь Чеканов Дмитрий илъэс 35-рэ зэрырикъумкIэ. Зэхыхьэр махуэшухэ IэнэкIэ зэхуащIыжащ.

2893
Фотогалерея