Патриарх Кирилл ехъуэхъуащ Къэрэшей-Шэрджэсым щыпсэухэм

29.09.2017
Просмотры: 2523

2017 гъэм фокIадэм и 29-м Черкесск щекIуэкIащ Къэрэшей-Шэрджэсым и къэралыгъуэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 25-рэ зэрырикъум теухуа махуэшхуэр. Республикэм и Iэтащхьэмрэ и цIыхухэмрэ захуигъэзащ Москварэ Урысей псомрэ я патриарх Кирилл. Абы и тхыгъэм итщ: «ПщIэ зыхуэтщI Рашид Бориспий и къуэ!
Къуэш, шыпхъу лъапIэхэ!
Сигуми си псэми къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу Къэрэшей-Шэрджэсым и къэралыгъуэм и махуэр илъэс 25-рэ зэрырикъумкIэ. Къэралыгъуэм и махуэр зэрызэфIагъэувэрэ куэд мыщIами, пасэрей фэеплъхэр щIыналъэм и куэдщ: Шоанин, Сентин члисэхэр, Архыз Ищхъэрэ къалэм и Зеленчукскэ члисэр, илъэс пщIы бжыгъэхэм и пэкIэ яухуахэр щыхьэт тохъуэ щIыпIэм тхыдэ къулей зэриIэм.
Республикэм унафэ къыщащтащ Кавказ Ищхъэрэм Алан чристэн центр къыщызэрагъэпэщыну, абы къэрал властымрэ Члисэм и лIыкIуэхэмрэ, щIэныгъэлIхэр, жылагъуэр зэкъуигъэувэнущ. Къэрэшей-Шэрджэсым адэкIи зиужьын папщIэ цIыхухэм я зэгурыIуэныгъэр хъумэн, дин зэмылIэужьыгъуэм итхэм яку мамырыгъэ илъын зэрыхуейр. Республикэм и унафэщIхэмрэ и цIыхухэмрэ узыншагъэ быдэ фиIэну, ехъулIэныгъэ фыщымыщIэну, Тхьэр къывдэIэпыкъуну сынывохъуэхъу.
ПщIэ къыфхуэзыщI Кирилл, Москварэ Урысей псомрэ я Патриарх».

 Патриархым и псалъэхэм зэхуэсахэм къахуеджащ Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я щихънагъ нэхъыщхьэ Феофилакт.

2523