Железнэ бгым япэ дыдэу тхьэлъэIу литургие щрагъэкIуэкIащ

17.09.2017
Просмотры: 3240

2017 гъэм фокIадэм и 16-м Железноводск къалэм и махуэм, Псыхуабэ епархием и щоджэнхэм зыгъэпсэхупIэм хабзэщIэ къыщыхалъхьащ – Железнэ бгым Тхьэ елъэIуу дэкIыныр.
Минераловодскэ округым и щоджэнхэмрэ къалэ администрацэмрэ къыхалъхьа Iэухур чристэн щIалэгъуалэм даIыгъащ.
Железнэ бгым, тенджызыщхьэм метр 853-кIэ нэхъ лъагэу пхъэ жор щыIэщ. Япэ дыдэу абдеж тхьэлъэIу литургие щрагъэкIуэкIащ. Ар Псыхуабэ епархием и щIалэгъуалэ къудамэм и унафэщI щоджэн Яковенкэ Илия иригъэкIуэкIащ, Минераловодскэ округым и щоджэнхэр, Горненскэ къулъшырыфым и щоджэн иеромонах Иннокентий и гъусэу.
ЩIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэр Тхьэ елъэIуащ Железноводск къалэмрэ КМВ-м и къалэхэмрэ, Тхьэм и нэфI зыщыхуа Кавказыр ефIэкIуэн папщIэ.  ристос и щэхухэм цIыху 50-м зыхагъэгъуэзащ. ТхьэлъэIум псори зэхэту цIыхуи 100-м щIигъу хэтащ.

3240
Фотогалерея