Щихънагъ Феофилакт Новопавловск махуэшхуэр щригъэкIуэкIащ

09.09.2017
Просмотры: 3043

2017 гъэм фокIадэм и 8-м, Тхьэм и Анэм и Владимирскэ тхьэнапэм и махуэшхуэм, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я щихънагъ нэхъыщхьэ Феофилакт Новопавловск дэт Тхьэм и Анэм и Владимирскэ тхьэнапэм и цIэр зезыхьэ члисэм. ТхьэлъэIум и пэ къихуэу щихънагъыр къэзакъ-кадетхэм епсэлъащ, фIыуэ еджэну захуигъэзащ, фэеплъ сурэт я гъусэу зытригъэхащ.
Литургием хыхьэу Пастыр нэхъыщхьэм Ставрополь Духовнэ семинарием и студент Линов Михаил къардэн къулыкъур хуигъэфэщащ. Къулыкъум и пэ къихуэу, хабзэ зэрыхъуауэ, кандидатым закъригъэцIыхуащ зэхуэсахэм. Михаил и щхьэгъусэр Новопавловск щыщщ икIи Владимирскэ члисэм йокIуалIэ.
ТхьэлъэIу нэужьымрэ зэгъусэ тхьэлъэIумрэ яужькIэ щихънагъ Феофилакт Тэрч къэзакъыдзэм и атаман, къэзакъ полковник Журавский Александррэ Судымрэ Нэхъыжьхэм я советымрэ я унафэщI, къэзакъ генерал Бондарь Василий IущIащ. Щоджэн нэхъыщхьэр къэзакъхэм ехъуэхъуащ дзэр къыщызэрагъэпэща махуэмкIэ, илъэс 440-рэ зэрырикъум папщIэ икIи ехъуэхъуащ я юбилейр ехъулIэныгъэ яIэу ягъэлъэпIэну.

3043
Фотогалерея