Минводы зэгурыIуэныгъэ щызэращIылIащ екIуэлIапIэхэмрэ школхэмрэ зэдэлэжьэну

03.09.2017
Просмотры: 2797

Гъэ еджэгъуэщIэм и пэ къихуэу Минераловодскэ къалэ округым и администрацэм егъэджэныгъэмкIэ и Управленэм округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Панасенкэ Алексийрэ абы дин щIэныгъэмкIэ и дэIэпыкъуэгъумрэ управленэм и унафэщI Безруких Л. IущIащ.
Благочиннэм къалэм и егъэджакIуэхэм ялъигъэIэсащ Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я щихънагъ нэхъыщхьэ Феофилакт закъызэрызыхуигъазэ хъуэхъур. АдэкIэ Iэ щIадзащ округым и екIуэлIапIэхэмрэ къалэ школхэмрэ зэдэлэжьэну зэраухылIа зэгурыIуэныгъэм. Зэхыхьэм хэтхэр къытеувыIащ зраухылIа зэгурыIуэнгыъэм хыхьэу зэгъусэу ирагъэкIуэкIыну зэхыхьэхэм.

2797