Щихънагъ нэхъыщхьэ Феофилакт Гражданскэ къуажэм и Успенскэ члисэм тхьэлъэIу щригъэкIуэкIащ

03.09.2017
Просмотры: 2984

2017 гъэм фокIадэм и 2-м, Тхьэм и Анэм и Успения махуэшхуэм, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я щихънагъ нэхъыщхьэ Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ Гражданскэ къуажэм и Успенскэ члисэм. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Минераловодскэ члисэ округым и екIуэлIапIэхэм я щоджэнхэм, благочиннэ, щоджэн нэхъыжь Панасенкэ Алексий, къардэн Ендовицкий Сергий сымэ пашэу. ХъыбарыфIхэр зэрыт тхылъ лъапIэм къеджа нэужь, щихънагъ нэхъыщхьэм фIэщхъуныгъэ зиIэхэм захуигъэзащ узэщIыныгъэкIэ. ТхьэлъэIур и кIэм щынэблагъэм, Пастыр нэхъыщхьэр екIуэлIапIэм кIуэхэм епсэлъылIащ.
А махуэм и пщыхьэщхьэм щихънагъ нэхъыщхьэ Феофилакт Псыхуабэ и Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам пщыхьэщхьэ тхьэлъэIур щригъэкIуэкIащ. Щихънагъ нэхъыщхьэ Феофилакт Инджылым къеджащ икIи гъэнэхуа дагъэр фIэщхъуныгъэ зиIэхэм ялъигъэIэсащ.

2984
Фотогалерея