Псыхуабэ щекIуэкIащ епархием и ебланэ педсоветыр

31.08.2017
Просмотры: 3016

2017 гъэм шыщхьэуIум и 29-м, Псыхуабэ и Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам и ЩIалэгъуалэ центрым, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я щихънагъ нэхъыщхьэ Феофилакт иригъэкIуэкIащ епархием и "Уроки истории 1917- 2017. Православная традиция образования и воспитания"; VII педсоветыр. Педсоветыр къыщызэIуихым, Пастыр нэхъыщхьэм егъэджакIуэхэм фIыщIэ яхуищIащ ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэхэм папщIэ икIи ягу къигъэкIыжащ ахэр чристэн фIэщхъуныгъэм и лъабжьэр хэIущIыIу ящIынымрэ чристэн диныр цIыхубэм хахьэнымкIэ япэ дэIэпыкъуэгъу зэрыхъур. «Иджырей сабийхэр дэзыхьэх тхьэмахуэ школыр – дэтхэнэ зы екIуэлIапIэми и гъащIэм къыгуэхыпIэ зимыIэщ», - къыхигъэщащ щихънагъ нэхъыщхьэ Феофилакт.

Зэхуэсым и лэжьыгъэм хэтащ члисэ округхэм я благочиннэхэр, епархием и къудамэхэм я унафэщIхэр, тхьэмахуэ школхэм я егъэджакIуэхэмрэ унафэщIхэмрэ, чристэн щэнхабзэм и лъабжьэхэр курыт еджапIэхэм щезыгъэджхэр. 
Псыхуабэ епархием и тхьэмахуэ школхэм я къалэнхэм теухуа доклад ищIащ дин щIэныгъэмрэ катехизацэмкIэ къудамэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Фаустов Константин. «Зелёный Афон» зэхуэсым и лэжьыгъэр 2017 гъэм зэрекIуэкIам къытеувыIащ гъэсакIуэ нэхъыжь Погасеевэ Иринэ. Грант зэпеуэхэм зэрыхэтынум хигъэгъуэзащ Члисэмрэ жылагъуэмрэ я зэхущытыкIэхэмкIэ щыIэ къудамэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Нартов Александр. Зэхуэсыр щиухым егъэджакIуэ нэхъыфIхэр ягъэпэжащ.

3016
Фотогалерея