Къэрэшей-Шэрджэсым щытепсэлъыхьащ егъэджэныгъэр зыхуэдэм

27.08.2017
Просмотры: 2717

Гъэ еджэгъуэм кърикIуахэр къыщапщытэжащ 2017 гъэм шыщхьэуIум и 25-м Карачевск и курыт еджапIэ №3-м. ЕгъэджакIуэхэм я республикэ зэхуэсым зыкърагъэхьэлIащ КъШР-м и Правительствэм хэтхэм, КъШР-м и ЦIыхубэ Зэхуэсым (Парламентым) и депутатхэм, федеральнэ, муниципальнэ органхэм я лIыкIуэхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм щыщхэм, дин лэжьакIуэхэм, егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэм, егъэджакIуэхэм, адэ-анэхэм, КъШР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм я лэжьакIуэхэм. ЗэIущIэм хэтащ Ищхъэрэ Къэрэшей-Шэрджэс округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Нартов Александр.
Къызэхуэсахэм фIэхъускIэ захуигъэзащ КъШР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Озов М.
Къэрэшей-Шэрджэсым егъэджэныгъэр щегъэфIэкIуэным теухуа доклад нэхъыщхьэр ищIащ КъШР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Кравченкэ И. . Абы къыхигъэщащ егъэджэныгъэм зрагъэужьын папщIэ абы ехьэлIа иджырей Iэмалхэр къагъэсэбэпын зэрыхуейр, абыхэмкIэ егъэджакIуэхэр къызэрагъэпэщыну къазэрыпэщылъыр, псом хуэмыдэу зи узыншагъэм къимыхь сабийхэм, зеиншэхэм бгъэдыхьэкIэ, гулъытэ щхьэхуэ къыхуагъуэтыну зэракъалэныр. Ар егъэджэныгъэ псоми хуэунэтIащ.
Министрым зэхилъхьэжащ республикэм мы гъэм щекIуэкIа егъэджэныгъэ Iуэхум кърикIуахэр. Ар къытеувыIащ Iуэху зэIумыбзхэм икIи 2017/2018 гъэм къапэщылъ къалэнхэр зыхуэдэр къыхигъэщащ. 
Зэхыхьэм и лэжьыгъэм хэтащ КъШР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министрым и къуэдзэ Селиванов В. Ар тепсэлъыхьащ еджакIуэхэм я узыншагъэр хъумэныр иджырей зэманым зэрыпэджэжыр.
ЗэIущIэм хыхьэу къытеувыIащ егъэджэныгъэм ехьэлIа Iуэхугъуэ зыбжанэм. Сабий гъэсапIэхэм, курыт еджапIэхэм, профессиональнэ-техникэ, еджапIэ нэхъыщхьэхэм гъэджэныгъэм зыщрагъэужьыным теухуауэ къэпсэлъащ егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм, егъэджэныгъэмкIэ къалэ, район къудамэхэм я унафэщIхэр.
Гъэ къэс шыщхьэуIум егъэджакIуэхэм я зэIущIэ къызэрагъэпэщым щызэхалъхьэж гъэ еджэгъуэ кIуам я лэжьыгъэм кърикIуахэр икIи гъэ еджэгъуэщIэм къапэщылъ къалэнхэр яубзыху. Зэхыхьэм къыщыхалъхьащ 2017/2018 гъэ еджэгъуэм къриубыдэу зэфIагъэкIыну къапэщылъхэр. Къэрэшей-Шэрджэсым и егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэм УФ-мрэ КъШР-мрэ Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ я министерствэхэм, КъШР-м и ЦIыхубэ Зэхуэсым я щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр хуагъэфэщащ. Округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Нартов  Александр щIэблэм я гъэсэныгъэмрэ егъэджэныгъэмрэ хэлъхьэныгъэфIзэрыхуищIым, республикэм и егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэм дэIэпыкъуэгъу зэрахуэхъум, еджакIуэхэм духовнэ лъапIэныгъэхэр яIэу къэгъэхъуным ехьэлIа лэжьыгъэхэр зэрыригъэкIуэкIым папщIэ КъШР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм и фIыщIэ тхылъыр хуагъэфэщащ.
ЗэIущIэр щиухым, КъШР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерстр Кравченкэ Иннэ егъэджакIуэхэм ехъуэхъуащ щIэныгъэм и махуэ къэблагъэмкIэ икIи гъэ еджэгъуэщIэр псоми яхуэугъурлыну, ехъулIэныгъэщIэхэр къахудэкIуэну захуигъэзащ.

2717
Фотогалерея