«Пернач» лагерым и Iэгъуэблагъуэр Псыхуабэ епархием иратыжащ

20.08.2017
Просмотры: 3312

2017 гъэм шыщхьэуIум и 18-м ЕссэнтIыгу къалэ-зыгъэпсэхупIэм зэIущIэ щекIуэкIащ, «Пернач» дзэ-патриот лагерым и гъащIэм теухуауэ. Ар ирагъэкIуэкIащ къалэм и унафэщIхэм щIы Iыхьэхэр тегуэшэным теухуауэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэм. Зэхыхьэм хэтащ администрацэм, къэзакъхэм, щоджэнхэм, Афган зауэм и ветеранхэм я лIыкIуэхэр. Къалэ администрацэм и Iэтащхьэ Некристов Александр зэрыжиIамкIэ, Iэгъуэблагъуэр коммерцэ IуэхукIэ къагъэсэбэп хъунукъым. Псыхуабэ, Черкесск епархием щIы Iыхьэ иратыну мурад ящIащ.
Апхуэдэ унафэ къащтащ, сыту жыпIэмэ нэгъабэ и дыгъэгъазэ мазэм щыщIэдзауэ утыкум епархием иппотерапиемкIэ и «Целебный Ессентуки» Центрыр щолажьэри. Абы сабий 35-м я узыншагъэр щрагъэфIакIуэ. Центрым сайтым зи гугъу щыщIа нэгъуэщI зэхыхьэ щIэщыгъуэхэри щрагъэкIуэкI. Епархием и лIыкIуэхэр арэзы техъуащ къалэм и унафэщIхэмрэ цIыхубэмрэ я унафэм. Iэгъуэблагъуэм и социальнэ мыхьэнэр хъума хъунущ.

3312
Фотогалерея