Щоджэным сабийхэр иригъэблэгъащ тхьэмахуэ школым

13.08.2017
Просмотры: 3089

2017 гъэм шыщхьэуIум и 11-м Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча, ТекIуэныгъэ къэзыхьа Георгий и цIэр зезыхьэ члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Сорокин Константин игъэнэхуащ Псыхуабэ къалэм и «Бештау. Гора Пост» микрорайоным щыIэ Сабий гъэсапIэ №43-р. Сабийхэмрэ я гъэсакIуэхэмрэ епсэлъащ щоджэныр. ЦIыкIухэм упщIэ куэд
ятащ, Чристэн фIэщхъуныгъэм и лъабжьэхэм ехьэлIауэ, щоджэным щепсэлъылIэм. Абы къыхигъэщащ екIуэлIапIэм и тхьэмахуэ школым мыгувэу ахэр щилъагъуну гугъэ зэрищIар, я упщIэ куэдым я жэуапхэр абы щыгъуэ зэраритынур, щIэ, гъэщIэгъуэн куэд къызэращIэнур.

3089
Фотогалерея