«Школым загъэхьэзырынымкIэ фадэIэпыкъу» Iуэхур ирагъэжьащ

30.07.2017
Просмотры: 3521

Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я щихънагъ нэхъыщхьэ Феофилакт и арэзыныгъэкIэ, епархием и «ДыгъафIэ къалэ» Центрым къызэрегъэпэщ «Школым загъэхьэзырынымкIэ фадэIэпыкъу» псапэ Iуэхур – канцеляр Iэмэпсымэхэмрэ школ фэилъхьэгъуэхэмрэ Центрым и нэIэ щIэтхэу коррекцэ интернатхэм щыIэхэм, ОВЗ узыфэ зыпкъырыт, унагъуэ хуэмыщIахэм щыщ сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ къыхуащэху.
Ди гуапэу къыфIытхынущ:
- рюкзакхэр е сумкэхэр;
- напэкIуэцI 18 хъу тетрадхэр;
- ручкэхэр, къызэрыгуэкI къэрэндащхэр, хьэфэтегъэкIхэр, клей къэрэндащхэр;
- пеналхэр, линейкэхэр, циркулхэр, лэныстэхэр;
- сурэтхэр зэращIыну альбомхэр, картон зэмыфэгъухэр, хужьхэр, тхылъымпIэ
зэмыфэгъухэр.
- пластилинрэ пхъэбгъурэ;
- дневникхэр, тетрадхэмрэ тхылъхэмрэ я тебзэхэр (А4, А5 форматым тету).
- джанэ хужьхэр, плIэхэр;
- школым зэрыкIуэну гъуэншэджхэр, кIэхэр, сарафанхэр, пиджакхэр, костюмхэр,
жилетхэр;
- лъэпэдхэр, колготкэхэр, щIагъщIэлъхэр, майкэ хужьхэр;
- спорт костюмхэр, футболкэ хужьхэр, шортхэр;
- туфлъэхэр (цIыхухъу, цIыхубз), кедхэр, чешкэхэр;
- бантхэр, заколкэхэр, щхьэцыр зэрызэщIакъуэ хьэфэхэр, мажьэхэр, гъуджэхэр;
- зэрызагъэкъабзэ Iэмэпсымэхэр (дзэлъэщI пIастэ, щёткэ, сабын, шампунь,
мочалкэ);
Илъэси 7-м щыщIэдзауэ 20 пщIондэ хъухэм фэилъхьэгъуэхэр хузэхуахьэс!!!
Щыгъынхэмрэ вакъэхэмрэ щIэуэ щытын хуейщ!!!
ЕссэнтIыгу къалэ, Октябрьскэ уэрам, 464. – «ДыгъафIэ къалэ» епархие центр. «Щыгъуэ псоми гуфIэгъуэ» сымаджэщ члисэм и Iэгъуэблагъэ УпщIэ зиIэхэр фыпсалъэ хъунущ мы телефонхэмкIэ: 8-961- 492-86- 16
Тхьэм фыкъихъумэ!

3521