Дружбэ къуажэм пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэр япэу щагъэлъэпIащ

23.07.2017
Просмотры: 2765

Дружбэ къуажэм (КъШР) и екIуэлIапIэ Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча, щихъ Елисаветэрэ инокинэ Варварэрэ ятеухуам, пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэм ирихьэлIэу щоджэн Малютин Геннадий япэ тхьэлъэIу литургиер щригъэкIуэкIащ.
Илъэс 95-рэ и пэкIэ къэунэхуа къуажэм зэи члисэ щаухуакъым. ЕкIуэлIапIэм кIуэхэм щихънагъ нэхъыщхьэ Феофилакт фIыщIэ хуащIащ, фIэщхъуныгъэ зиIэхэм чристэнхэм гулъытэ зэрахуищIым папщIэ. ЕкIуэлIапIэр 2014 гъэм къызэрагъэпэщащ, къуажэм и духовнэ гъащIэм зеужь. ФIэщхъуныгъэ зиIэхэмрэ псапащIэхэмрэ я къарукIэ, зэпымыууэ тхьэлъэIухэр ирагъэкIуэкI. Къулыкъур тхьэлъэIукIэ ирагъэжьащ, акафист зыщIыгъу тхьэлъэIукIэ пащэри тхьэлъэIу литургиерэ зэгъусэ тхьэлъэIукIэ зэхуащIыжащ. Хабзэ зэрыхъуауэ шэджэгъуашхэ псоми ирагъэщIащ.

2765
Фотогалерея